Къэбэрдей-Балъкъэрым Адыгэ ныпым и махуэр щагъэлъапIэ


25.04.2017-м республикэм щекIуэкIащ Адыгэ ны-пым и махуэшхуэм  теухуа Iуэхугъуэ зыбжанэ. Абыхэм я пэщIэдзэу, Налшык къалэ, Абхъазым и утым, сыхьэт 11-м щызэхуэсащ икIи гъуэгуанэ трагъэуващ адыгэ щIалэгъуалэр.

Шууейхэмрэ машинэ 200-м щIигъурэ республикэр къызэхакIухьыну зекIуэ ежьэным и пэ къихуэу, къекIуэлIахэм ехъуэхъуащ, фIыщIэ хуащIащ Къэбэрдей Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м щыIэ Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и уна-фэщI Къалмыкъ Жылэбий, «Адыгэ унэ» тыкуэныр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид сымэ.

Нэхъыжьхэр зекIуэ ежьэ щIалэгъуалэм ехъуэхъуащ гъуэгу махуэ техьэну, узыншэу къекIуэлIэжыну, адыгэ ныпыр ягъэлъапIэу дяпэкIи куэдрэ зэхыхьэну.

- Дунейм зы нып дахэ тетмэ, етIуанэр ди адыгэ ныпращи, абы дыхуэфащэу Тхьэм куэдрэ дигъэпсэу! Гъуэгу фызытехьэр гъуэгум я нэхъ дахэ ухъу! Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ къабгъэдэкIыу лъэпкъым сынывохъуэхъу, – жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

Фырэ  Анфисэ
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ
Адыгэ Псалъэ






Comments