12.03.2017 - Тыркуем щыпсэурэ Адыгэхэм митинг-зэхахьэ ашIыщт АдыгабзэкIэ ТВ щыIэным пае


Тыркуем щылажьэрэ "Плюралист демократие партиим" иегъэжьэнкIэ, гъэтхапэм и 12-м, АдыгабзэкIэ телевизыр щыIэным пае митинг-зэхахьэ Анкъара щырагъэкIокIыщт. Ащ Тыркуе хьыкумэтым зыфагъэзэщт АдыгабзэкIэ телевизие къызэIуихыным пае.

Митинг-зэхахьэр "Анкъара Кизилай ЮКМ" зыфиIорэ чIыпIэм щыкIощт. Сыхьатэ 14.00 рагъэжьэщт.

Къызыхэтхыгъэр: cdp.org.tr

ИхэкIэ тхыгъэр фасебукум къыхэтхыгъ


ДИ ЛЪЭПКЪЭГЪУХЭМ ХУЭГЪАЗАУЭ !!

Ди адэжьхэм ӏэнэмэту къыдата ди анэдэлъхубзэр, ди япэ итхэм ялъыдгъэӏэсын къэлэным куэд пыщӏащ.

 Адыгэбзэ защӏэкӏэ нэтын зыгъэлъагъуэ тэлэвизйон канал димыӏэмэ а къэлэныр ныкъуэу кызэрынэнум шэч хэлъкъым.

Адыгэу дыкъэнэну дыхуейуэ щытмэ,

ди анэдэлъхубзэр дымыгъэкӏуэдыну дыхуейуэ щытмэ, 

а ӏэнэмэт лъапӏэр ди япэ итхэм зэрыкъабзэу ялъыдгъэӏэсын дыхуейуэ щытмэ,

Адыгэри мы щӏыналъэм ис лъэпкъ псом хуэду хуэфащэр къищтэн хуейуэ щытмэ,

Напэ фиӏэу фи бынхэм я нэгу фыӏуплъэну фыхуейуэ щытмэ, 

фи адэжьхэм я пащхьэ фымыукӏытэу фихьэжын фыхуейуэ щытмэ, 

ИӀЭ ,  УТЫКУМ ФЫКЪИХЬЭ !!! 

Ди псалъэмакъыр ину къидгъэкӏын хуейщ 

ДЫЗЫМЫЩӀЭ НЭПЦӀ ЗЫЩӀХЭМ, 

ДЫХЭКӀУАДЭМЭ ЗИ ГУАПЭ ХЪУНУХЭМ

ЗИ ТХЬЭКӀУМЭ ДЫЗЭХЭЗМЫХХЭМ

"МИС  АДЫГЭР" жытӏэн щхьэ утыкум дыкъиувэнущ. 

Ди макъыр къызриккӏэ ДИ ТЭЛЭВИЗИЙОН КАНАЛЫР ФЫМЫГЪЭГУВЭУ КЪЫДЭФТ  жытӏэнущ. 

Фыкъеблагъэ Адыгэхэ! 
Фыкъеблагъэ цӏыхум ехьалӏа хьэкъхэм пылъхэ! 
Фыкъеблагъэ дунейышхуэм псоми ди бзэ тӏыӏулъу мамыру дытевгъэт жызыӏэхэ! 

 Адыгэхэ; хьэкъ щагуэшым шыпсыранэм ухэс хъунукъым. 

Мэжджытым щӏэсхэр! фи нэмэзыр зэриухыу фыкъакӏуэ. 

Хасэм щӏэсхэр! фи пшынэр фыгъэтӏылъи фыкъакӏуэ. 

Дунейм Адыгэ зэрытетыр,  Адыгэм куц зэрыкӏуэцӏылъыр, хузэфэкӏ къызэримыгъэнэнур псоми ядгъэлъэгъунщ. 

Напэм хуэфащэр къэлэжьын зэманщ

ХЬЭ МАРЖЭ !!!

Comments