КIуэкIуэ Юрий яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым хэтхэм


КIуэкIуэ Юрий КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щахуэзащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и депутату Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхахахэм. ЗэIущIэм кърихьэлIащ Къанокъуэ Арсен, Ульбашев Мухьэрбий, Марьяш Иринэ, Быф Анатолий, Геккиев Заур.

Республикэм и Iэтащхьэм парламентархэм фIыщIэ яхуищIащ ди щIыналъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ властым и гъэзэщIакIуэ органхэм зэрадэIэпыкъум папщIэ икIи дэтхэнэми, езыр зыхэт партым емылъытауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и сэбэп зыхэлъхэр дэгъэкIыным дяпэкIи къарууэ иIэр зэрырихьэлIэнур быдэу и фIэщ зэрыхъур къыхигъэщхьэхукIащ.

«Фэри фощIэ, дызыхыхьа илъэсри тыншу щытынукъым. Абы къыхэкIыу нэхъри нэхъ быдэу дызэпыщIауэ дызэдэлэжьэну сыщогугъ. Дэ псоми ди мурадыр зэтохуэ», – жиIащ КIуэкIуэ Юрий икIи сэбэпынагъ нэхъыбэ къызыпэкIуэну Iуэхухэр къыхахрэ елэжьмэ нэхъыфIу къызэрилъытэр къыхигъэщ-хьэхукIащ.

ЗэIущIэм щыжаIахэм япкъ иткIэ, КIуэкIуэ Юрий зыхуэфащэ IэнатIэхэм я пщэ ирилъхьащ щIыналъэ проект, программэ нэхъыщхьэхэм ятеухуа материалхэр парламентархэм иратыну.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.



Comments