Анэдэлъхубзэм и пщIэр яIэт


Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ адыгэбзэмкIэ тхыгъэ зэпеуэ. Анэдэлъхубзэм и пщIэр Iэтыным хуэгъэпса апхуэдэ Iуэхугъуэр къызэрагъэпэщащ университетым адыгэбзэмкIэ, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ и кафедрэхэм, КъБКъУ-м Адыгэ щэнхабзэмкIэ и центрым, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ хасэм, «Нарт Хэку» жылагъуэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм.

Псори зэхэту егъэджакIуэрэ еджакIуэ цIыкIухэу 90-м нэс къекIуэлIащ олимпиадэм. 
НыбжьыщIэхэм пэублэ псалъэкIэ захуигъэзащ икIи лэжьыгъэр зэрагъэзэщIэну щIыкIэхэм яхутепсэлъыхьащ КъБКъУ-м и адыгэбзэ кафедрэм и унафэщI Къардэн Мусэдин. Абы зэрыжиIамкIэ, школакIуэхэм сочиненэ ятхынут лъэпкъ тхыдэм, хабзэм, щэнхабзэм ятеухуауэ. 

Тхыгъэхэр зытеухуауэ щытын хуейр наIуэ къащIа нэужь, ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэм яужь ихьащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми сыхьэтитIым къриубыдэу итхащ езым къыхиха унэтIыныгъэр зэпкърызых сочиненэ. 

Зэпеуэм щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ къримыхьэлIэфахэми Iэмал яIащ я тхыгъэхэр ИнтернетымкIэ кафедрэм и сайтым къагъэхьыну. Апхуэдэу ящIащ, къапщтэмэ, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Тыркум щыщ школакIуэхэм.

- Зэпеуэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр адыгэбзэм гулъытэ хуэщIынырщ, абы и пщIэр адэкIи къэIэтынырщ, – жиIащ Къардэным. – Хуабжьу ди гуапэщ Iуэхур республикэм и гъунапкъэхэм икIыу, гъунэгъу адыгэ щIыналъэхэми, уеблэмэ хамэ къэралхэми зэрынэсар. Абы ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ.

Тхыгъэхэм хэплъэнущ абы къыхузэрагъэпэща къэпщытакIуэ гуп хэхар. Лэжьыгъэм кърикIуахэр наIуэ къащIынущ гъатхэпэ мазэм, Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу.

УЭЛДЖЫР  Аринэ,
КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ

Адыгэ Псалъэ


Comments