«Ридадэ» уэрэджыIакIуэ гупым зыкъегъэлъагъуэ


КъБКъУ-м Темыркъан Хьэту и цIэр зезыхьэ и Щэнхабзэ центрым зыкъыщигъэлъэгъуащ эстрадэмкIэ театрым и «Ридадэ» уэрэджыIакIуэ ансамблым.

Пшыхьым зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБКъУ-м гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ и проректор Къумыкъу Iэуес, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэмрэ, университетым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ.

Къызэхуэсахэр ирагъэдэIуащ адыгэ цIыхубэ, эстрадэ уэрэд цIэрыIуэхэм. Апхуэдэу ахэр хагъэгъуэ-защ лъэпкъ IуэрыIуатэм и щIэинхэм. КърихьэлIахэм пшыхьыр гунэс ящыхъуащ.

Театрым и унафэщI, КъБР-м и цIыхубэ  артист, музыкант, уэрэдус Думэн Мурадин КъБКъУ-м и унафэщIхэм фIыщIэ яхуи-          щIащ Темыркъан Хьэту и цIэр зезыхьэ щэнхабзэ центрым пшыхь гуапэр зэрыщрагъэкIуэкIам папщIэ.

Думэн Мурадин и театрыр къызэрызэрагъэпэщрэ куэд мыщIами, ар цIыху кIуапIэ хъуащ, спектаклхэр щагъэлъагъуэ, адыгэ уэрэдыжьхэм я пшыхь гъэщIэгъуэнхэр къыщызэрагъэпэщ.




Comments