КIуэкIуэ Юрий дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щахуэзащ КъБР-м и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ, искусствовед Дианэ Мосс Жаклинрэ.
КIыщ Мухьэдин республикэм и Iэтащхьэм хуиIуэтащ езыр творческэ щIалэгъуалэм зэрадэлажьэр. Художникым дерсхэр щитащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм, Бахъсэн къалэм дэт школхэм, «ДыгъафIэ къалэ» сабий творчествэмкIэ академием. А IуэхущIапIэм абы езым и сурэтхэм ящыщ зы тыгъэ хуищIащ.
- Уэ уи творчествэр, – жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм, – цIыхухэм хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэнщ, абы къыхэкIыу ахэр республикэм и музейхэм нэхъыбэрэ щыгъэлъэгъуапхъэщ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Адыгэ Псалъэ
Comments
Post a Comment