«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм бгым къежэхын лъэхъэнэр къыщызэIуах


«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм лъэхъэнэр мы гъэм пасэу къыщызэIуахащ. «Мир» станцым щегъэжьауэ «Гара-Баши» нэс бгы-лыжэ трассэр щэкIуэгъуэм и 19-м къыщыщIэдзауэ хьэщIэхэм хуагъэхьэзыращ.

КIапсэ гъуэгум и чэзууищри зэдагъэлажьэ. 2015 гъэм и дыгъэгъазэм «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-мрэ «Iуащхьэмахуэ» АО-мрэ Европэм и къурш нэхъ лъагэ дыдэм щызэрагъэпэщащ бгым лыжэкIэ къежэхын лъэхъэнэр нэхъ кIыхь щIынымкIэ Iэмал къозыт гъуэгур, Iуащхьэмахуэ зэрырагъэфIэкIуэну программэм хыхьэу.

«Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м и унафэщI Горчев Олег зэрыжиIэмкIэ, блэкIа илъэсым «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм щIыналъэм и адрей апхуэдэ IуэхущIапIэхэм нэхърэ цIыху нэхъыбэм я нэгу зыщрагъэужьащ. «КIапсэ гъуэгум и ещанэ чэзур щызэхуащIыжар мэкъуауэгъуэм и кIэхэрщ, зыгъэпсэхупIэм а зэманым къриубыдэу турист мини 190-м нэблагъэ щыIащ, – жиIащ Горчевым.

«Iуащхьэмахуэ лъапэ кIуэ пэтми ягу нэхъ дыхьэнущ лыжэрэ сноубордкIэ абы къыщызыжыхьхэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Iуащхьэмахуэ» ОЭЗ-м зегъэужьыным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм ищIа унафэм тету, «КСК», «Iуащхьэмахуэ зыгъэпсэхупIэ» АО-хэм пащэ бгы-лыжэ трассэхэр укъуэдииным, уэс зэращI системэхэр абы щыгъэувыным. ЗыгъэпсэхупIэр ирагъэфIэкIуэну я мурадщ, «Iуащхьэмахуэ» ВТРК-м зыуэ щыт и архитектурэ теплъэ зэгъэпэщынри хыхьэу. Абы иджыпсту ди IуэхущIапIэр йолэжь, Iэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа проектым ипкъ иткIэ, – къыпищащ и псалъэм Горчев Олег.

«Iуащхьэмахуэ зыгъэпсэхупIэ» АО-м и генеральнэ унафэщI Беккаев Хьисэ зэрыжиIэмкIэ, «Мир», «Гара-Баши» кIапсэ гъуэгухэм километритI хъу къежэхыпIэ станц зэIухахэм уэсыр зыубэ техникэ щолажьэ.

«Iуащхьэмахуэ лъапэ хьэщIэхэр апхуэдэу пасэу мы гъэм зэрыригъэблагъэр ди гуапэщ. ДяпэкIи гъэщIэгъуэн куэд дгъэхьэзырыну ди мурадщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ бгым къежэхыным зыщыхуагъэсэну SabyPark утым и лэжьыгъэр едгъэжьэнущ. Апхуэдэу ски-пассхэр щащэ кассищ къыхэдгъэхъуэнущ», – къыхигъэщащ абы.

«Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м и пресс-IуэхущIапIэ.

Адыгэ Псалъэ


Comments