КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ коронавирус штабым и япэ зэIущIэр


Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирус уз зэрыцIалэр къыщымыгъэхъунымрэ абы зэрызиуб­гъум щыкIэлъыплъынымкIэ оперативнэ штабым и япэ зэIущIэм республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­щыжиIащ: «Иджыпсту уз зэрыцIалэр къэмыгъэ­хъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр тэмэму йокIуэкI икIи гужьеигъуэ щыIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, дэ дытеплъэкъукI хъунукъым ди республикэм и цIыхухэр а узым щыхъумэнымкIэ зэфIагъэкIхэм. Иджыпсту зэ­теува щытыкIэр къилъытэу, оперативнэ штабым зэ­щIэгъэуIуауэ, зэгурыIуэу, жану лэжьэну и къалэнщ».

Уз зэрыцIалэм зыщыхъумэнымкIэ штабым хагъэ­хьащ КъБР-м и Правительствэм социальнэ IэнатIэ­хэм пэрыт и лэжьакIуэхэр, кIэлъыплъакIуэ, хабзэхъумэ ор­ганхэм я унафэщIхэр. Абыхэм ящыщу зэIущIэм къы­щыпсэлъахэу Роспотребнадзорым и унафэщI Пагуэ Жыраслъэнрэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ зэрыжаIамкIэ, республикэм щыщу зыми коронавирус уз зэрыцIалэр къеуэлIакъым, ауэ апхуэдэ сымаджэхэр къыкъуэкIмэ, медицинэ Iуэ­хущIапIэхэр абыхэм зэреIэзэнум хуэхьэзырщ.

ЗэIущIэм щыжаIахэм япкъ иткIэ унафэ зыбжанэ къащтащ. Адэ-анэхэр мы Iуэхум зэрытегузэвыхьым къыхэкIыу гъатхэпэм и 17-м щегъэжьауэ курыт еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ цIыкIухэр мыкIуэми хъуну ягъэуващ. Апхуэдэу социальнэ IуэхущIапIэхэм (интернатхэм, цIыхухэм я узыншагъэр щызэтрагъэувэж центрхэм) щыIэхэм лъы­гъуэзэн папщIэ кIэлъыкIуэхэр нэхъ мащIэ ящIынущ.

Оперативнэ штабым гъэзэщIакIуэ властым и органхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ чэнджэщ ярет цIыху куэд къызрихьэлIэ зэхыхьэхэр, спорт, щэнхабзэ, зэш­тегъэу Iуэхухэр зэкIэ ирамыгъэкIуэкIыну.

Коронавирус уз зэрыцIалэм пыщIа сыт хуэдэ Iуэхуми теухуауэ цIыхухэр оперативнэ штабым псалъэ хъунущ мы телефонхэмкIэ: (8662) 40-15-65, 42-26-78.

adyghepsale.ru



Comments