Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщащ тхылъаджэ зэхэс


Мазаем и 4-м, екlуэкlащ Хьэтlохъущокъуэ Къазий и цlэкlэ щыlэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэща зи чэзу тхылъаджэ зэхэсыр.

Кlэрэф Мухьэмэд "Адэ щlэин мылъку хъурэ?" зыфlища повестыр тегъэщlапlэ хъури, 9-11 классхэм щеджэ ныбжьыщlэхэр тепсэлъыхьащ гъащlэм ди пащхьэ кърильхьэ lуэху къызэрымыкlуэ куэдым: адэ-анэмрэ бынымрэ я зэхущытыкlэм, ныбжьэгъу нэсыр зыхуэдэм, цlыху къэс лъэпкъым и пащхьэм щиlэ пщэрылъым, лъагъуныгъэм иlэнкlэ хъуну плъыфэхэм...

Хасащхьэм хэтхэм я гукъыдэжыр къиlэтащ ныбжьыщlэхэм къагъэлъэгъуа жыджэрагъым, гупсысэкlэ узыншэм, анэдэлъхубзэр зэрагъэбзэрабзэм.

Мы зэхэсыр щlэщыгъуэ ищlащ суд жыпхъэм иту зэрекlуэкlам, еджакlуэхэр лlыхъужьхэм я пlэ иувэурэ къызэрыпсэлъам. Абыхэм я зыlыгъыкlэм, lуэху еплъыкlэм ди фlэщ ищlащ: сабиифl, лъэхъэнэм декlу ныбжьыщlэхэр къытщlоувэ. Ар и фlыгъэщ егъэджакlуэхэр емышыжу я пщэрылъ мытыншым зэрыпэщlэтым. Фlыщlэу къалэжьыр куэд мэхъу, щытхъу яхуэфащэщ.

Зэхуэсыр щекlуэкlар Кавказ Ищхъэрэм управленэмкlэ и академие Ахъуэхъум и уэрамым тетыр аращ. Апхуэдэ lуэху щхьэпэ куэд щызэфlах мы еджапlэм.

Щlэблэм дэлажьэхэр дызыщlэхъуэпсыр зыщ: ди быныр адыгэну хуеинырщ. Узэгугъур къогугъуж, жыхуаlэращи, дегугъупхъэщ ар къыдэхъулlэным.

facebook








Comments