06.03.2020 - Налшык къалэ «Адыгэ диктант» щекIуэкIынущ


Зэлъэпкъэгъухэр зэуIуу зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, гъатхэпэм и 6-м щекIуэкIынущ «Адыгэ диктант». ­ДАХ-м щIыналъэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ щиIэ къудамэхэм щызэхуэсынущ адыгэбзэкIэ диктант зытхыну гукъыдэж зиIэхэр.

Налшык къалэ «Адыгэ диктантыр» щекIуэкIынущ:
— Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм, сыхьэт 15-м щIидзэу;
— Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Иджырей гуманитар институтым и №501 пэшым, сы­хьэт 15-м щIидзэу.

Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэн папщIэ зэхаша «Адыгэ диктантым» фыхэтыну фыкъыхудоджэ адыгэу зыкъэзылъытэж, дэнэ щIыпIи щыпсэу, адыгэбзэ зыщIэ дэтхэнэри. Ар зэрекIуэкIыну жыпхъэ убзыхуам ДАХ-м и сайтым фыкъыщеджэ ­хъунущ: http://intercircass.org

УпщIэ зиIэхэр 89286934817; 89289109975 телефонхэм фыпсалъэ хъунущ.

Къызхэтхыгъэр: adyghepsale.ru


Comments