Евросоюзым и Совет Нэхъыщхьэр арэзы техъуащ ЕС-мрэ Куржымрэ визэншэу зэпащIэным


Иджы куржыхэр лъэпощхьэпо къыхэмыкIыу махуи 180-м нэблагъэкIэ Евросоюзым хыхьэ къэралхэм щыIэфынущ.

Иджырей Iуэхугъуэм хэплъэныр къа­Iэтауэ щытащ 2016 гъэм и гъатхэпэм. Илъэс кIуам и дыгъэгъазэм ЕС-м и Советыр, Европарламентыр, Еврокомиссэр къытеувыIащ визэншэу Куржым и цIыхухэр зэрызекIуэну Iэмал хэхам.

«ЗэрыпэплъэмкIэ, гъатхэпэм и кIэм къы­щыщIэдзауэ куржыхэр пIалъэ хэхакIэ хуиту щызекIуэфынущ шенген хабзэм тет къэ­ралхэм», – жиIащ Iэпхъуэшапхъуэмрэ къэ­рал кIуэцI IуэхухэмкIэ еврокомиссар Авромопулос ­Димитрас.

Къызыхэтхыгъэр: adyghepsale.ru


Comments