Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Сербиемрэ я IэщIагъэлIхэр зэрызэдэлэжьэнум топсэлъыхь


Мэкъумэш хозяйствэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтымрэ Сербием гъавэмрэ хадэхэкIхэмкIэ и институтымрэ я мурадщ гибрид нартыху лIэужьыгъуэщIэхэр гъэкIыным и лъэныкъуэкIэ зэдэлэжьэну. «Сербием къитш гибрид нартыху жылэр сытым дежи фIыщ. Ар хъарзынэу къокI, гъавэшхуи къет, нэхъыщхьэ дыдэращи, иджы зыубгъуауэ нэгъуэщI къэрал куэдым зэрыщащIым хуэдэу, генхэм я лъэныкъуэкIэ зэхъуэкIыныгъэ яIэкъым», – къыджиIащ IуэхущIапIэм и агроном нэхъыщхьэ Вэрокъуэ Заур.

«Иджыпсту дэ дытопсэлъыхь гибрид нартыху лIэужьыгъуэщIэхэр къэгъэкIынымрэ ахэр зехьэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм зэщIыгъуу дызэрыщелэжьынум», – къыхигъэщхьэхукIащ Мэкъумэш хозяйствэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым селекцэмрэ жылапхъэхэр гъэкIынымкIэ и къудамэм и унафэщI Щомахуэ Беслъэн.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ

Адыгэ Псалъэ


Comments