20.09.2016 - Адыгэхэм я махуэр Iуащхьэмахуэ лъапэ щагъэлъэпIэнущ


Адыгэхэм я махуэм хиубыдэу Iуащхьэмахуэ районым Iуэху пыухыкIахэр щаубзыхуащ. Тырныауз къалэм Ку­лиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щыIэ район музейм щIадзауэ щагъэлъагъуэ «Адыгэхэр: лъэпкъым и тхыдэм щыщхэр» выставкэр.

Абы утыку къыщрахьащ мы махуэшхуэр зэрагъэувам, адыгэ лъэпкъым и къекIуэкIыкIам щыхьэт техъуэ тхы­гъэ­хэр, экспонатхэр. Выставкэр дызэрыт мазэр иухыху псом я дежкIи зэIухауэ щытынущ.

Iуащхьэмахуэ районым и библиотекэхэм фокIадэм и 16-м усэмкIэ пшыхьхэр, гъэлъэгъуэныгъэ зэмылIэужыгъуэхэр ще­кIуэкIынущ.

Районым и къуажэ псоми щэнхабзэмкIэ я унэхэм фокIадэм и 19-м концертхэр щызэхэтынущ, выс­тавкэхэр щагъэлъэгъуэнущ. А махуэ дыдэм школым и еджапIэхэм къыщызэрагъэпэщынущ Адыгэхэм я махуэм теухуа дерс­хэр.

Тырныауз къалэм гъуазджэмкIэ и сабий школым, Абаев СулътIанбэч и цIэр зезыхьэм, фокIадэм и 20-м сыхьэт  13-м щагъэлъэгъуэнущ «Дыщалъхуа щIыналъэрщ ди къарум и хэкIыпIэр» махуэшхуэ концертыр.

Дауэдапщэхэм хэтынущ район, къалэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр, къуажэхэм я Iэтащхьэхэр, «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и район къудамэм  и унафэщIхэр, районым и IуэхущIапIэхэм, предприятэхэм, организацэ- хэм я Iэтащхьэхэр. А махуэм сыхьэт  14-м районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм щагъэлъэгъуэнущ адыгэхэм я тхыдэмрэ я хабзэхэмрэ ятеухуауэ кинорежиссёр Вэрокъуэ Владимир триха документальнэ фильм щхьэхуэхэр.

Тарим  Алисэ, Адыгэ Псалъэ


Comments